Чтение онлайн

ЖАНРЫ

?уащхьэмахуэ, Махуэгъэпс
Шрифт:

Улэ жэмыр къишри и джабэм ?э дилъэжащ. Хьэмрэ жэмымрэ дзыхь яхуещ?. Хьэпарийр къоплъри щысщ. Унэм щ?охьэжри хьэ ?ус зэхэщ?ар къыхущ?ех. Дэк?уеип?эм тот?ысхьэри пшапэзэхэуэгъуэр к?ыф? зэфэзэщым хуэк?уэжыху тесщ. Унэ зэгуэтым и пэшищри пщэф?ап?эри къигъэкъэбзащ нобэ. Пщэф?ап?эр ят?э лъэгущ, псы ириутхэри къипхъэнк?ыжат. Дзыгъуэ вей дурэшым дэлъу къилъэгъуати, и жагъуэ хъуащ. Я джэдур к?уэдауэ къэтщ. Хьирэт игъэщтамэ, щ?эх къыкъуэк?ыжынукъым. А фызыр джэду зищ?ауэ хьэблэм дыхьамэ, пщ?ант?эхьэхэм лъэныкъуэ зрагъэз, унэ джэдухэр къезэуэну къоув. Зэрытемыгъак?уэу зофыщ?ауэхэр, ауэ Хьирэт абыхэм щхьэк?э къик?уэтынукъым. Псэущхьэхэм зэраф?эк?ын ?эмал бжыгъэншэу ищ?эрэ пэт, япоуври йозауэ, и зэш тригъэууэ фэ тетщ.

Улэ и щхьэцыр ирежьых, еухуэн, ешыхьыж. И бостей нэхъыф?ыр щет?агъэри лъэдакъэ т?эк?у зыщ?эт и вакъэм тоувэж. Мыр сыт, и ф?эщи? И щхьэ щодыхьэшхыж. Нобэ и джийм зыри ехакъым. И ?упэр гъущ?ащ. И щхьэр мэуназэ. Псы йофэ.

Сыхьэт щ?э?уант?эм йоплъ – жэщ ныкъуэщ. Шэнт щхьэгуэр къещтэ, унэкум ирегъэувэри, къот?ысык?, и гур дэп жьэражьэм хуэдэщ, и бгъэр къресык?, и нэк?ущхьит?ыр къызэщ?энащ. Сыту п?эрэ ныжэбэ къыпэплъэр?..

– Си анэ, къысхуэгъэгъу… Псалъэ уэстат мыпхуэдэ ?уэху сыхэмыхьэну. Сабий закъуэм и узыншагъэщ арэзы сыщ?ытехъуар…

Хьэ парийр хопщ?эук?ри хьэгъуэм йолъэдэж. Пщ?ант?эм мыц?ыху дэтщ – к?ыф?ыгъэр к?ыф?ым къыхэмыщми, псэущхьэм зыхещ?э. Унэбжэр дамэдазэу ?ухауэ къигъэнащи, к?ыф?ыгъэр пшагъуэ-?угъуэ зэхэту щ?оук?урие – псэ джэгур ежьэнущ…

Уэздыгъэри имыгъэунк?ыф?ауэ Улэ хьэзыру щысщ, шэнт щхьэгуэм тесу. ?угъуэ ф?ыц?эм унэгуащэр къеуфэрэзыхь, и лъакъуэм щегъэжьауэ и щхьэм нэс зрешыхьэк?. ?этауэ и?ыгъа и щхьэр зэуэ къыф?оху, и жьэпкъыпэр и бгъэм къытеуэжу – пкъыр къанэри, псэр ирахьэжьащ…

БАХЪЭСЭН

I

Бахъэсэн и ?уфэм къуажэ куэд ?усщ, нэхъ ин дыдэр псыежэхым и ц?эр зыф?ащыжаращ – Майе къыщалъхуа къуажэр. Абдежым ирихьэл?эу къуажэ уэрамхэм псы къыщиж хъуат – щ?ым гъущ? бжьамийхэр щ?алъхьауэ, абык?э къак?уэрт. Хьэблэ къэс гъущ? быдэм къыхэщ?ык?а псы къижып?э хутрагъэуват, ищхьэмк?э къыщытепкъузэмэ, псыр къиут?ыпщу, бут?ыпщыжмэ – иубыдыжу. Псынэпсым хуэдэу къабзэт, ?эф?т абы къижыр, ауэ щагъэувы?э куэдрэ къэхъурт. Апхуэдэхэм деж къуажэдэсхэр псыежэхым псыхьэ к?уэрт – Бахъэсэныпсым иджыри щыужахэтэкъым. Псыхъуэм пэгъунэгъухэр нэхъ къик?ат, ауэ уэрамыщхьэм псы къыщибгъахъуэу удыхьэжыным и тыншыгъуэр къэзыщ?а нэхъ жыжьэхэм иджы гугъуехь т?уащ?эу къащыхъурт Бахъэсэныжь псыхъуэ дыхьэныр. Щ?ымахуэм деж ?эжьэм е шыдыгум зи щхьэ ягъэбыдэж чей ирагъэувэрти, унагъуэри ?эщри зрикъун псы къашэрт. Шыдыгурэ чейрэ зимы?эхэр пхъэхь зэф?эдзак?э к?уэкъэк?уэжу ?утт.

Хъыджэбз ц?ык?ухэм я жагъуэтэкъым пхъэхьк?э псы къахьыну. Псы ?уфэм ?утыху дыгъэ жьэражьэр нэхъ щабэу зыхащ?эрт, псым и шк?уэрашк?уэр макъамэу зэхахырт. Ауэ псом ящхьэр псыхьэ к?уэуэ къэк?уэжыхук?э зэрытеур арагъэнут, я нэгу зиужьт, зэдэуэршэрт. Хьэблэм зэныбжьу дэсыр зэгъусэу к?уэрт, абы щыгъуэм къыдэмык? жыхуа?эм хуэдэу дыгъэм дижьыхьыжауэ псыхъуэм дэс щ?алэжь ц?ык?ухэм зэрахуэзэнури хэтт ?уэхум хуэзымыгъэщхьэхым. Къэхъунк?э хъунури ящ?эрт: къезэуэнукъым, ауэ псы къахьым ят?э, мывэ къыхадзэнущ. Езыхэри, губжьарэ ешауэ, ягъэзэжынщи псы къабзэ кърагъэхъуэжынщ.

Зэгуэрым Майе хъыджэбзышхуэхэм ябгъурыту ежьэри псыхъуэм нэсащ, гъэзэж къыжра?эк?э, емыда?уэу. Майе зыми еда?уэ и хьэлтэкъым, къыжра?эри зэхих-зэхимыхт, жэуапи иттэкъым. Хуейти, к?уащ хъыджэбзхэм я гъусэу. Псыр жыжьэт, арат Майе хуэдэ нэхъ ц?ык?ухэр щ?ызэдамышэр. Майе, сешащи жимы?эу ик?и закъык?эримыгъэхуу, нэсащ псыхъуэм. Хъыджэбзхэм я пэгуныр из ящ?ащ, пхъэхьым палъхьэжри, хуэмурэ къежьэжауэ къыздэк?уэжым, щ?алэжь ц?ык?у дыгъэрыжьэхэр къапэуващ, къазэры?эрыхьэк?э, хэт мывэ, хэт ят?э, хэти вэнвей пэгунхэм хадзащ. Щ?алэжь ц?ык?ухэм зы сырыху нэхъ макъышхуэу, нэхъ ?элу къахэщт. Хъыджэбзхэр къэгубжьри, къапэщ?эхуэ мывэр къащтэурэ яхэуэжащ мо къуейщ?ей гупым. Сырыхум и нат?эм зыгуэр техуэри, к?ийуэ епхъуэжащ, л?ы хъуанэк?эу инуи хъуэнащ. «Пхуэфащэщ, жьэ ф?ей!» – хьэблэ хъыджэбзхэр ик?уэтакъым. Сырыхум и нат?эр зэгуэудауэ лъы къижырти, и ?эгур к?эрикъузауэ и?ыгът, абы къыщыщ?ар къаф?эмы?уэхуу, и гъусахэр щ?эпхъуэжат. Хъыджэбзхэм ф?ей хъуа псыр ирак?утыжри ягъэзэжащ. Майе сырыхум бгъэдыхьэри и щ?ыбым ?э дилъащ. «Сыт уэри узыхуейр?!» – жи?эу къыжьэхэлъа щхьэк?э, Майе къилъэгъуащ абы и нит?ым къыщ?иха гуф?эр. Сырыхур ежьэжащ, Майе, и гъусахэм яхуемыплъэк?ыххэу, абы и ужьым иувэри здэк?уэмк?э к?уащ. Мор къызэплъэк?ри дыхьэшхащ: «Сыт узыхуейр?» Майе, зыри жимы?эу щ?алэжь ц?ык?ум к?элъык?уэурэ, я унэм нэсри чы бжыхьк?э къэхухьа лъапсэм дыхьащ. Унагъуэр зэрыхуэмыщ?ар нэм къыщ?идзэрт. Ят?э чырбыш унэ ц?ык?ур къабзэу зехьат, пщ?ант?эр зэлъы?ухат. Сырыхур къызэплъэк?ыжри, къыхуэгуф?а е къыщыдыхьэшха – Майе къыгуры?уакъым, ауэ къеупщ?ащ:

– Уэ сыт узыхуейр, и? К?уэж, уи гъусэхэр к?уэжащ куэд щ?ауэ! Укъалъыхъуэ хъунщ, хьэблэр зэхыхьауэ!

Фыз гъур к?ыхьым и пэш къыщ?ыхьи и к?ии зы ищ?ащ:

– Уэ дапщэрэ бжес?а щ?алэжь ц?ык?ухэм уахэмыхьэну? Пхуэфащэщ, укъаук?ау арамэ!

– Сэ зыми сиук?ыфынукъым! Мыр сыщ?эпхъуауэ сыжэрэ пэт, сылъэпэрапэри мывэм зэгуиудауэ аращ.

Сырыхур… хъыджэбз ц?ык?ут!

– Пэж мыбы жи?эр? – сырыхум и анэ сырыхубзэр Майе къеплъащ – Уэ дэнэ езыр укъыздик?ар?

– Псалъэркъым ар! – Сырыху гуф?эу и анэм хъыбар ирегъащ?э, я «хьэщ?эр» езым и ныбжьми, и зэф?эк?ыр куэдк?э зэрынэхъ мащ?эр и гуапэу.

– Сабий бзагуэ мы ?эшэлъашэм ису зэхэсхакъым… – ц?ыхубзыр гъуэнэгъубзэу бгъэдыхьауэ Майе зэпеплъыхь.

– Хэт уи ц?эр?

– Тэру Пагуэ ипхъу… – Майе и ц?эр жимы?эу, и адэм и ц?э-унагъуэц?эр жи?ащ – ирагъэсат, гъуащэ хъумэ, апхуэдэу жи?эну.

– Ыхьыы, – фыз гъурыр ик?уэтыжащ. Щ?ыбагъ пэшымк?э щ?эплъэри зыгуэрым жри?ащ:

– Хьэщ?э ди?эщ.

– Хэт? – къэ?уащ ц?ыхубз макъ.

– Пагуэ и пхъур.

Пагуэжьми?! Мыбы нэс хэт къэзышар?

– Езыр къэк?уащ.

– Езыр ц?ык?укъэ?

– Ц?ык?ук?э ц?ык?укъым, ди Нуцэ хуэдизщ…

– Щ?эгъэк?ыж, къэк?уамэ! А ?еижьым и зэранщ уи адэр зыдэса хьэблэм дамыгъэхьэжу мы псыхъуэм дыкъызэрыдэт?ысхьар.

– И закъуэу к?уэжыфыну си ф?эщ хъуркъым.

– Нуцэ егъэшэж.

– Нуцэ!

Нуцэр унэм щ?эпк?ыжри бзэхащ. Майе щ?ыбагъ пэшымк?э щ?ыхьэри п?экум ис фызыжь нащхъуэм и пащхьэм иуващ…

– Сыт укъыщ?ызэплъыр? Хьэм укъихуа мыбы нэс? – фызыжьыр антыхэбзэк?э шхыдэурэ, нэмыцэбзэм тохьэж, Майе зэхих бзэ мыц?ыхум и тхьэк?умэр тегъэхуауэ йода?уэ, ф?эгъэщ?эгъуэнщ. Фызыжьыр антыхэбзэм тохьэж: – Уи анэр дахэщ, уэ абы зык?и урещхькъым…

– Зык?и урещхькъым… – Майе зэхихар же?эж, фызыжьым и къэпсэлъык?эм зыпищ?ыжурэ.

– Уи ?уэху тэмэму п?эрэ уэ ?ейм? – фызыжьым и нит?ыр къытриубыдауэ къыздеплъым, Майе абы нэхъри бгъэдок?уатэри, и щхьэр и куэщ?ым ирелъхьэ. Фызыжьым хуэмурэ и ?э ижьыр къе?этри, Майе и щхьэм къыделъэ.

– Мыр сыт? Уешауэ ара? Къак?уэ-т?э, зыгъэпсэху.

Майе гъуэлъып?эм допщейри фызыжь нащхъуэм бгъэдот?ысхьэ. Унэжь ц?ык?ум щопсэу зэрылъхузэрып? ц?ыхубзищыр: анэшхуэр, и пхъур, и пхъурылъхур. Нэхъ тхьэмыщк?эу къуажэм дэс унагъуэхэм ящыщщ. Я л?ыжьыр зэрыл?эрэ зыкъом щ?ащ. Жэм закъуэ я?эти, яхуэмыгъашхэу ящэжащ. Гъунэгъухэри зэхуэдэу къахущыткъым. Хэти къадо?эпыкъу, хэти «нэмыцэщылъхущ» жа?эри, ?умпэм къащ?. Я л?ыжьыр зауэм щыгъуэ нэмыцэм ящ?ыгъуу дэк?ри, ?эджэ дэк?ауэ къигъэзэжащ, нэмыцэ фызрэ хъыджэбз ц?ык?урэ щ?ыгъуу. Фызым и ц?эр Ребеккэт, и л?ыр Бэкэк?э еджэрт. Пагуэ балигъып?э иуват абы щыгъуи, нэмыцэм ягуэтар къуажэм къыдагъэт?ысхьэж мыхъуну псалъэмакъ къи?этащ. Бзэгу ихьу и адэр нэмыцэм езыгъэубыдар а л?ыр арауэ зэхихат. Арщхьэк?э, гущ?эгъу зыхэлъ я къуажэгъухэм къахэк?ри, унагъуэм къащхьэщыжу къэуващ. Хьэблэ зыдэсам дэт?ысхьэжу къыхуамыда щхьэк?э, псыхъуэм деж щ?ы к?апэ къыщратащ. Унэ щхьэгуэжь ц?ык?у ирищ?ыхьри щыпсэуащ л?эжыху. Нэмыцэ фызым антыхэбзэ зригъэщ?ащ. Унэгъащ?эу къабгъурысхэм абы Нащхъуэ къыф?ащащ. Бзэгуцэмрэ нэмыцэмрэ я пхъур пасэу дэк?уэри къик?ыжат, хъыджэбз ц?ык?у щ?эсу. Нуцэ илъэсищ щыхъум, бзэгуцэр Бахъэсэныжь итхьэлащ, и хьэдэр ерагъыу къагъуэтыжри щ?алъхьэжащ. Нащхъуэ и л?ыр макък?э игъеятэкъыми, «зэрынэмыцэ дыдэ» жа?ащ гъунэгъу фызхэм, «гу быдэ» кърагъэк?ыу. Абы ипэк?э зэм Нащхъуэ, зэм нэмыцэ жа?эу щытати, Нащхъуэ ц?эр «трахыжри», нэмыцэ къудейк?э еджэ хъуащ. И пхъум зэреджэр «нэмыцэм ипхъу» е «нэмыцэм къилъхуа».

Ребеккэ антыхэл?ым щ?ыгъуу Кавказым нэс къэк?уэну арэзы щ?эхъуар зеиншэт, и унагъуэр зауэм хэк?уэдати арат. Иджы фызабэу къэнащ. Сытыт гъык?э, бжэк?э? Л?ар къэтэджыжынутэкъым, езыр яф?эгуэныхь хъуми, зыри къыхуащ?энутэкъым. Зэрыпсэунур дауэ? И пхъур колхозым хэтщи, къратыр мащ?эщ, и сабий закъуэр нац?эрыфэ хъужауэ уэрамым дэтщ. Лъэ?уак?уэ хыхьэу факъырэ?ус къыхиха папщ?э, Нуцэ ?энэщ?у къэк?уэжыркъым – зыгуэрхэр къыщ?еу?ук?. Зэуэрейщ, и щхьэцыр яупсри, сыт щыгъуи к?эщ?щ, и лъэгуажьит?ыр теуда зэпытщ. Щ?алэ ц?ык?ухэм яхэтурэ, и щхьэм къыщхьэщыжыф хъуащ. Нэмыцэ щылъхук?э къеджэрт, ауэ апхуэдэхэм щхьэк?э Нуцэ къик?уэтынутэкъым.

Поделиться с друзьями: