Чтение онлайн

ЖАНРЫ

?уащхьэмахуэ, Махуэгъэпс
Шрифт:

Ребеккэ ?эрыгъадэ маршынэ и?ащ, фызхэм яхуэдэрт, дыпщ?эу шатэ, джэдык?э къари?ыхырт, ахъшэ т?эк?у къыщыпэк?уи къэхъурт. Маршынэр ф?адыгъуащ. Зыдыгъуари ищ?эрт, ауэ къытрихыжыну хулъэк?ынутэкъым – къуажэ советым нэмыцэ фызым пщ?э щи?этэкъым, къуажэдэсхэрати, яхуэтхьэусыха щхьэк?э, зыми къаф?э?уэхуакъым. Мыбы лей къытохьэ жи?эу псэ зы?ут къыщымыувым, и ?эрыгъадэ маршынэр зыдыгъуахэм нэмыцэбзэк?э тебжаи, ебгаи – унагъуэм зэдыщ?эк?ыу фэрэк? къатек?эри, фэрэк?напэу къэнащ. Ребеккэ къищ?ат и маршынэр бэзэрым яхьу зэращар. Къедыгъуари щ?егъуэжат, и пхъуищыр ямышэу къыщыдэнэжк?э, щ?егъуэжынтэкъэ. Хэт фэрэк?напэ хуейр? Удахэу уашарэт.

Пагуэхи ебгат нэхъ гуащ?эжу. Абы и зэранщ щ?ыф? дыдэ зэрылъ щ?ап?эм ирамыгъыт?ысхьэжу Ребеккэрэ и л?ымрэ псыхъуэ мывалъэр псэуп?э зэращ?ар. Я щ?ап?эжьым исыжамэ, щ?ым сыт хищ?эми, къэк?ынут, а хьэблэм дэсхэри зи ?уэху нэхъ хуэщ?ат. Дыгъуэрабзу къуажэм дэсыр псыхъуэмк?э нэхъ къэк?уэрейщи, Ребеккэ джэдкъазри хадэм зэрыщы?эбэ ?эмэпсымэри ф?адыгъу. А псор зи лажьэ Пагуэ и пхъур къак?уэри къыбгъурыт?ысхьащ.

– Нэкъиц?эфт, сыт укъыщ?ызэплъыр? Уи анэ дахэ дыдэми уи адэжьми уарещхькъым. Дэнэ уэ укъыздик?ар?

…Хъыджэбзхэм псы яхьу хьэблэм щагъэзэжам, пшапэ зэхэуэгъуэт. Улэ къапэплъэу уэрамыщхьэм тетт. Майе щимылъагъум, и фэр зэщ?эк?ащ. Псым ирагъэхьамэ?!

– Щ?алэжь ц?ык?у гуэрым и гъусэу ежьэри, деджэк?э къытхуигъэзакъым.

– Хэтхэ я щ?алэ ц?ык?у?

– Хъыджэбз ц?ык?ут ар! Сырыхубзэу, псыхъуэмк?э дэсщ! Нэмыцэм и пхъур!

Унэм щ?элъэдэжри Жануэс жри?ащ Майе къилъыхъуэну псыхъуэмк?э зэрык?уэр. Щ?эупщ?эурэ къигъуэтащ, к?ыф? зэхэту нэсащ Ребеккэ и унэм. Майе жеяуэ ирихьэл?ащ, къыхуэгъэушыртэкъым, къызэщыурти жеижырт. ?эпл?эк?э къищтэри кърихьэжьащ. Уэрамдэк? защ?эт, хадэу ек?уэк?ыу, жэщ к?ыф?ым зытеувэр имылъагъуу, лъапэрапэу. Къэувы?эм, зигъэпсэхум, ежьэжурэ, къак?уэрт. Кхъэм пэзанщ?э щыхъу дыдэм Майе къэушри, и анэр къиц?ыхужакъым, здэщы?эри къыгуры?уэртэкъым – шынащ, зы?эщ?иудыну ныкъуэкъуащ. Сабийр гъым, и анэри дэгъыу, ерагъыу къэсыжахэщ. Жануэс куэбжэпэм ?утт.

II

…Уэшх къызэремышхыу, псыри къызэримыжу ек?уэк?ырти, сабийхэм хьэблэ-хьэблэк?эрэ хьэнцэгуащэ кърашэк?ыу щ?адзащ. Къуажэшхуэм балигъхэр нэхъ зэроц?ыху, сабийхэр хьэблэ зырыз къыщыхъуамэ, зэхуэхамэщи, зэхэзагъэркъым. Хамэ хьэблэ дыхьэхэм къапоув, къыдахуж, зэхэуэ, зэрыфыщ? къыщыхъуи щы?эщ. Жануэсхэ я хьэблэм унагъуащхьэ чэзууэ джэдык?и хьэжыгъи щыхахри зы гуп дэтщ, хьэнцэгуащэ уэрэдыр кърашу. Абыхэм яхэт Нуцэ сырыху ц?ык?ур Майе къилъагъури щыгуф?ык?ащ. Модрейри къыщыгуф?ык?ыжащ. Арати, Майе абы и ужь иувэри ежьащ. Къуажапщэм нэс дэк?уеящ. Дауи, ахэр хуиту абы нэс ягъэк?уэну хъунтэкъым, «фыздэк?уэр дэнэ, фи хьэблэм къыщыхэфх джэдык?э» жа?эу къапэмыуву, ауэ Нуцэ гупым зэрапашэр ялъэгъуа нэужь, апхуэдэ гукъыдэжыр яф?эк?уэдырт. Ешахэщ, къыхахар къахуемыхьэк?ыж хъуащ, унагъуэ къэс къытрак?а псым псыхьэлъахуэ ищ?ахэщ, къэмэжэл?ахэри пэжт. Къагъэзэжауэ къехыжурэ, Майехэ я унэм къыщыблагъэм, Нуцэ же?э: «Майе, нак?уэ фи деж!» Майе Нуцэ и нит?ым къыщ?их нэхур елъагъу, ауэ жэуап иритыркъым. «Фынак?уэ, дыдэвгъэхьэ!» – жи езы Нуцэ. «Хъунукъым» къыщыжрамы?ак?э, и гушхуэныгъэм къреубыдэ нак?уэпак?уэу дыхьэныр. Сабий зэрызехьэм я макъым унэм къыщ?иша нанэр зыхэплъар зи щыгъынхэр ныкъуэгъущ сабий дыгъэрыжьэхэращ. Нуцэт псоми тегушхуэри, япэ ищри лъэ?уащ:

– Кхъы?э, мы ди джэдык?эм щыщ тхуэгъави дыгъэшх, шхын щхьэк?э дол?э!

Гупхэмыхьэ Майе мыбыхэм яхэту зылъэгъуа нанэр мыгуф?эу къэнэнт?

– Фи джэдык?эми сыхуейкъым, т?асэ, фэ фшхын дэ ди?эщ, фыныщ?ыхьэ модэ пщэф?ап?эм! – Жануэс гуэщым къыпыт гъэмахуэ пщэф?ап?эмк?э и ?эр ищ?ащ. Мо зи ?умац?эр къэхъея гупым нанэм и псалъэр т?эу жы?э ящ?акъым, зэрыщ?ыхьахэщ. Т?ысып?э зылъысар щысу, зылъымысар зэф?эту щ?акхъуэрэ кхъуейрэ зэдашх, щ?акхъуэ бзыгъэм шатэ щихуэм, фошыгъу тригъэщэщэжурэ Жануэс ?энэм къытрелъхьэ – ари ирагъэк?, пхъэщхьэмыщхьэпс ?эф?ми щыщ къранэркъым. Я ныбэ из щыхъум, гупзешэ Сырыху къыхилъхьащ:

– Фынеуэ Къудан хьэблэ!

– Сыт абы щы?эр?

– Къуданхэ Сосрыкъуэ и напэ?элъэщ?ыр пхъуантэм къыдахынущ нобэ!

– Ар дэнэ нэс? Мы т?ыгъ къомыр-щэ?

– Мыхэр делъэ?унщи мыбдеж къэдгъэнэнщ, дыкъыщык?уэжк?э къэтщтэжынщ.

Унафэр ягу ирихьами, Къудан хьэблэ к?уэнымк?э псори арэзы зэдэхъуакъым:

– Хьэуэ, сэ сешащ, сык?уэжынущ.

– Сэри ди деж къызэшхыдэнущи, сымык?уэжу хъунукъым.

Нуци гурылъ ищ?ам пик?уэтыж и хьэлтэкъыми, ежьащ:

– К?уэжынур фык?уэж, нэк?уэнур фынак?уэ!

Я хьэжыгъэ пэгунит?ымрэ джэдык?э хъушэмрэ Жануэс и пщэф?ап?эм къыщ?анэри, Сырыхур я пашэу гупым къэнэжар ежьащ, нобэрей махуэм мыхьыр зыхь хьэнцэгуащэр къащтэри.

Майе Нуцэ и нит?ым къыщ?их нэхугъэм зы?эпешэ, дэни к?уэнущ и ужьым иту. Сабийхэр шхэху ядэуэршэра Жануэс къыгуры?уат хъыджэбз сырыху ц?ык?ур зейр. «Нэсрэн мыгъуэр нэмыцэм езыгъэубыда бзэгуцэм и щылъхур си унэ щызгъэшхащ… Сытми къысхуиухьт… Арщхьэк?э сабийм сыт и лажьэ? Зэрыбзаджэ ц?ык?у плъагъуркъэ: джэдык?эхэр ибжащ, гупыр к?эк?э зэрехьэ, тхьэ…»

Майе сабийхэм як?элъыдэк?ыну хэтщ. «Тхьэ, узмыгъэк?уэну-т?э, алейк?и укъызэмыплъ. Жэщ ныкъуэм уи анэм укъилъыхъуэу зэрыдэтар уф?эмащ?э?!»

Майе зыри жимы?эу к?уэри Нуцэ и къуагъым къуэувати, Жануэс зыхуэшы?эжакъым:

– Абы къык?эрык?! Уэ ар ныбжьэгъу пхуэхъунукъым!

…Сырыху и гупыр нишэсащ Къудан хьэблэм. Унагъуэм щ?эсри хьэблэм дэсри пщ?ант?эм щызэхэтт. Сабийм я дыхьэгъуэмрэ я нанэ и къыщ?эк?ыгъуэмрэ зэтехуащ. Абы щхьэнтэ к?ыхьым теубгъуауэ напэ?элъэщ? гъуабжафэ къыщ?ихащ и ?ит? шиям телъу. Пщ?ант?экум ит шэнтщхьэгуэм тепщэчыхуэ тетт псы иту – ар дыгъуэпшыхь ягъэуват, жэщ псом щыту уафэм къех гуащ?эр зыщ?ишэн папщ?э. Нанэр абы бгъэдыхьэри, и ?э лъэныкъуэр псым хищ?эм, къыпытк?у тк?уэпсхэр щхьэнтэм триутхэурэ тхьэ елъэ?уу щ?идзащ:

– Ди Тхьэу Тхьэшхуэ, Сосрыкъуэ къэзыгъэщ?а, Сосрыкъуэ зэзышэл?эжа, уэшх щхьэк?э дынолъэ?у! Уэшхым хуол?э щ?ыр, къэк?ыгъэр, псэущхьэр, псыежэх игъущык?хэр, лъэк?э къэзык?ухьхэри дамэк?э къэзылъэтыхьхэри. Уафэр пшагъуэм къегъэуфэбгъу, ар уэшхыу щ?ым къытхуегъэхыж. Тщхьэщремык?, тремык?ыж, уэшхыу кърешхи псэ зы?утми зы?умытми егъэ?уэтэж!

Ди Тхьэу Тхьэшхуэ, Сосрыкъуэ къэзыгъэщ?а, Сосрыкъуэ зэзышэл?эжа, уэгъум дыщыхъумэ, гъейм дыкъегъэл!

Нанэр лъэ?уэху, пщ?ант?эм дэтхэм я ?ит?ыр уафэмк?э яшийрт, я ?эгухэр ущ?ауэ. Абыхэм як?элъыплъ сабийхэри, дырийпсырий хьэл яхэлъу умыщ?эжыну, зэи ямы?а зыхэщ?эныгъэ гуэрым зэщ?иубыдауэ, мыхъейуэ зэхэтт, хьэнцэгуащэр зы?ыгъит?ыр я пашэу. Сабийхэм гу къалъитэри, нанэм и тхьэлъэ?ум ахэри хибжащ:

– Ди Тхьэу Тхьэшхуэ, дыгъэм десыж, гузэвэгъуэм кърихужьауэ сабийхэм хьэнцэгуащэ кърашэк?. Гущ?эгъу къытхуэщ?, уэшх къыдэт, дыгъэ?уэтэж, Сосрыкъуэ и псэр къытхуогузавэри, гъэпсэхуж!

Напэ?элъэщ?ыр куэдрэ пхъуантэм къыдамых хьэпшып лъап?эти, ар къыщыхъу махуэри нэхъ лъап?э хъурт. Иджы хуэдэу к?ыхьл?ыхьу уэшх къыщемышхам деж, ц?ыхур мы унагъуэм къелъэ?уу щ?адзэт, Сосрыкъуэ и напэ?элъэщ?ыр къыщ?рагъэхыу уэшх щхьэк?э тхьэ ирагъэлъэ?уну. ?уэхур уэгъум хуэк?уэну къыгуры?уа нэужьт ар унагъуэм ис ц?ыхубз нэхъыжьым щигъэзащ?эр. Абы лъэ?ук?э Тхьэм зызэрыхуигъазэм нэмыщ?, езыми и ?эпкълъэпкък?э зыхищ?эн хуейт уэшх къытешхэурэ псыф хъуауэ, къыпыжыр щ?ым телъэдэжу. Сосрыкъуэ и напэ?элъэщ?ымк?э Тхьэ щелъэ?уак?э, зыми шэч къытрихьэртэкъым мынобэми, пщэдей уэшх къызэрешхынум. Зэтэкъым ар зэрагъэунэхуар. Хьэмэрэ Сосрыкъуэ и ц?эр къра?уэмэ, тэджу лъэпкъым я?э хабзэр ягъэзэщ?эн зымыда нысэхэм къащыщ?ар-щэ? А хабзэм пэув куэд лъэпкъым кърашэ нысэхэм къахэк?тэкъым, ауэ къахэк?а закъуэт?акъуэми хэт и бзэр иубыдащ, хэт къеузри имыщ?эу сымаджэ хьэлъэ хъуащ. Языхэзми зы дохутыр къе?эзэфакъым, къеузыр къызыхэк?ар къахуэщ?эртэкъыми. Нэхъыжьхэм ягъэ?ущурэ, зэрыкъуэншар жа?эу гущ?эгъу къахуищ?ыну Тхьэм елъэ?уа нэужьщ узыншэ щыхъужар. Ар зи нэгу щ?эк?ахэм я ф?эщ мэхъу напэ?элъэщ? гъуабжэм и къарур.

Сосрыкъуэ и напэ?элъэщ?ыр и?ыгъыу нанэр унэм щ?ыхьэжащ и лъэ?уэныр имыухыурэ. Хьэнцэгуащэ къезышэк? гупри гулъытэ хуагъэныкъуакъым. Ц?ыхубз нэхъ щ?алэхэм тхьэ зэрелъэ?уа псыр сабийхэм къытрак?эжащ, жыжьэ къик?ахэщ жа?эри, джэдык?эмрэ хьэжыгъэмрэ ?эф?ык?и къыхущ?агъуащ. Къуданхэ я деж къыщыхахар ерагъыу къахуэхьынурати, пэгун хьэлъэхэр зэ?эпахыурэ, я псэр пыхуу я хьэблэм дыхьэжахэщ. Тэрухэ къагъэнари къащтэжу, я анэхэр ягъэпщэф?эн, хьэблэр зэхуэсу тхьэлъэ?у ?уащхьэм деж щашхыжын хуейт, ауэ Сырыху ищ?а унафэр нэгъуэщ?щ: къыхахар зэу?у зэращ?ыжын къаруи зэрашхыжын гукъыдэжи ныщхьэбэрей ?уэхук?э яхурикъунукъым, пщэдей трагъазэрэ къащтэжмэ нэхъыф?щ, загъэпсэхужауэ. Пц?ы хэмылъу езэшахэти, зэхуэарэзыуэ зэбгрык?ыжащ.

Поделиться с друзьями: